dcsimg

Бзугъуабжэ лъэпкъыр ( Kabardian Circassian )

provided by wikipedia emerging languages

Бзугъуабжэ лъэпкъыр (лат-бз. Turdidae) — дунейм и щӀыпӀэ бжыгъэм уащыхуозэ. Унэбзу хэкӀыгъуэщ.

Теплъэр

Я теплъэкӀэ зэмыфэгъущ. И нэхъыбэм къуалэбзу жьгъейхэщ, е курытщ, г. 10-20 хьэлъагъ яӀэщ. Илъэсым зэ цы япхъыж — шыщхьэӀумрэ фокӀадэмрэ я зэхуакухэм деж.

Здэпсэухэр

Нэхъыщхьэу здэщыӀэхэр щӀыгуращ. Ищхъэрэ Къаукъазым бзугъуабжэ лӀэужьыгъуи 7 щопсэу. Зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкӀи 5-6-щ, зы гъэм тӀо къизыш яхэтщ.

Ӏусыр

Ӏус нэхъыщхьэр хьэпщхъупщрэ цӀыврэщ, бжыхьэм абы хохьэ къэкӀыгъэ жылэ, мэракӀуэ. А зэманым къэкӀыгъэхэкӀ нэхъ зымышх лӀэужьыгъуэхэри яхэтщ.

Лъэпкъыгъуэхэр

Лъэпкъыгъуэ 17-рэ, лъэпкъыгъуэ къуэдзэ 41-рэ, лӀэужьыгъуэ 300-рэзэщӀеубыдэ. Абы щыщ лъэпкъыгъуэхэр:

Тхылъхэр

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.
license
cc-by-sa-3.0
copyright
Wikipedia authors and editors