БзулъэкӀыхь (лат-бз. Himantopus himantopus) — псыкъуакъо лъэпкъ, бзулъэкӀыхь лъэпкъыгъуэщ.
Дамэхэр, тхыцӀэр, пщэ, щхьэ щӀыбыр фӀыцӀэ-гъуабжафэщ, щӀагъыр хужьыфэщ. КӀэр кӀыхькъым, занщӀэуэ пыгъэшхъуам хуэдэщ. Пэ занщӀэ псыгъуэ, кӀыхь жанщ. Лъакъуэхэр икъукӀэ кӀыхьщ, плъыфэщ.
Мы бзур щыплъагъуну Хы ФӀыцӀэ, Хы МыутӀэ Ӏэгъуэблагъуэхэм щыӀэ хыкъум Ӏуфэхэм, Тэрч и пэм деж. ЩӀымахуэр Хы Каспий и ипщэ лъэныкъуэхэм щизых къахокӀ. Дунейм и щӀыпӀэ бжыгъэм щопсэу. Абгъуэхэр гуп-гупурэ ящӀ. Ар хъумэным йогугъхэу. ЦӀыху ялъагъумэ полъатэри, гум техуэгъуей гоу, хьэбанэ макъым ещхь ирагъэщӀэкӀ. Абгъуэм и гъунэгъу хъуамэ хьилагъэкӀэ зэрыпыӀуишынум пылъщ, елъэшауэ, дамэхэр къыдэмыбзафэ хуэдэ зищӀу. ЩӀыкӀуэкӀэ гузавэкъым, лъэбакъуэ къэси лъакъуэхэр лъагэу дреӀэтей. ФокӀадэм и япэ тхьэмахуэм бзулъэкӀыхьхэр мэлъэтэж.
БзулъэкӀыхь (лат-бз. Himantopus himantopus) — псыкъуакъо лъэпкъ, бзулъэкӀыхь лъэпкъыгъуэщ.