Бжэндэхъу (лат-бз. Sturnus vulgaris) — бзу хэкӀ инкъым, бжэндэхъу лъэпкъым щыщщ.
Цы зэпхъыжагъащӀэм и теплъэр фӀыцӀафэ лыдщ, ӀэпапӀэ хуж зэхуэмыдизхэр хэсу. Гъатхэм ехъулӀэу а ӀэпапӀэхэр нэхъ цӀыкӀу мэхъу е хокӀыжыпэ.
Къэрал куэдым щопсэу. Абгъуэ щащӀ жыг гъуанэхэм, нэхъ къуалэбзу инхэм я абгъуэ лабжьэхэм. Къаукъазым тӀо мэгъуалъхьэ. Шырхэр анэми хъуми зэдапӀ. Мэлъэтэж, ауэ Ищхъэрэ Къаукъазым щӀымахуэр щизыххэри щыӀэщ. Бжэндэхъур ди щӀыпӀэхэм гъатхэм нэхъ пасу къэлъэтэжхэм ящыщщ. Япэ махуэм зэман куэд ирагъэхь абгъэу щӀыпӀэ екӀу къэлъыхъуэным. Къагъуэта яужым уэрэд жыӀэн щаублэ. Я бзэрабзэ макъыр инщ, икӀи нэщхъыфӀэщ. Бжэндэхъум екӀуу зыпащӀыжыф нэгъуэщӀ бзу лӀэужьыгъуэхэми, хьэндыркъуакъуэ, хьэ банэ макъхэм, уеблэмэ цӀыху макъми.
Я Ӏусыр хьэпӀацӀэ, цӀыв зэмылӀэужьыгъуэ, пхъэщхьэмыщхьэщ.
Бжэндэхъум теухуауэ адыгэ псалъэжь щыӀэщ: