ПсыхъуэпцӀащхъуэ (лат-бз. Riparia riparia) — пцӀащхъуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Адрей лӀэужьыгъуэхэм я нэхъ цӀыкӀущ. ТхыцӀэр гъуабжэщ, ныбэ щӀагъыр хужь-фӀеифэщ (сырыхуфэщ), и хулъащхьэмрэ бгъэмрэ щхъуэ-гъуабжэщ кусабгъуэ ирекӀуэкӀыу. Анэхэр нэхъ цӀыкӀущ хъуэхэм нэхърэ.
Щопсэу Азиэм и Ӏэхьэ нэхъыбэм, Еуропэ псом. Къаукъазым щыкуэдщ, щогъуалъхьэ, мэлъэтэж. Абгъуэр ятӀагъуэ нэпкъ лъагэхэм щащӀ, лъэбжьанэкӀэ къыратхъуурэ.
Ӏусыр адрей пцӀащхъуэ лӀэужьыгъуэхэм яйм хуэдэщ.